anzorq/w2v-bert-2.0-kbd-v2
Automatic Speech Recognition • 0.6B • Updated
• 4
audio audioduration (s) 0.36 90.3 | text stringlengths 5 848 |
|---|---|
Къэрмокъуэ Мухьэмэд | |
Щихухэр иджыри мэкӀ | |
Къуажэр зэрыщыту зэхуэсащ жыпӀэнт. | |
ЦӀыху лӀат. | |
ЛӀар, хъыджэбзт. | |
Зи хъыджэбз щӀыфэм цӀыхухъуӀэ еӀусэн дэнэ къэна, цӀыхухъунэ темыплъауэ хъыджэбзт. | |
И ныбжькӀэ ишэгъуэ блэкӀат, ауэ къыдэнэжатэкъым, атӀэ... | |
УмыпӀащӀэу къедаӀуи псори къэпщӀэнщ. | |
КъэпщӀэнщ нобэрей гъатхэ махуэ дахэр дунейм ехыжа хъыджэбзым щӀытепыхьэри, махуэ къэс жыхуаӀэм хуэдэу Акун жылэшхуэм къыдэпхъуэ псэхэхым и Ӏэужь псом я лейуэ мыр къыщӀалъытари. | |
КъэпщӀэнщ дэтхэнэм и щхьэусыгъуэри, мыдэ дунейм ехыжам и Ӏуэхум зэ яужь ит. | |
Хьэдэр кхъэм яхь. | |
Къуажэ уэрамышхуэр цӀыхум иуфэбгъуащ. | |
Тенджыз уфафэм и толъкъун бзыгъэхэр зыупщӀатэ кхъуафэжьейуэ, дарий щхъуантӀэ зытепхъуа кхъаблэр, мащӀэу щэнауэу, а псом ящхьэщытщ. | |
Щиху сатырри нэщхъейуэ иужьрей дыдэу къыхуоплъыхыж пщӀантӀэм дах хъыджэбз хьэдэм. | |
Щиху тхьэмпэ цӀыкӀухэм загъэсысу, абы сэлам ирахыж, щхьэкӀэ псыгъуэ лантӀэхэм загъэшауэ щхьэщэ хуащӀыж. | |
Уэрамыбгъум къытеува цӀыху Ӏувым я нэр тодие кхъэм яхьым. | |
— Е тхьэмыщкӀэ цӀыкӀу мыгъуэ, сыту леишхуэ къыплъысат, сыту куэди уи фэ дэкӀа!.. | |
— кӀэлъыжаӀэрт цӀыхухэм, зи иужьрей дуней гъуэгуанэм теувэжа хъыджэбзым. | |
Кхъаблэм телъ хъыджэбз хьэдэри цӀыхухэм къахэплъэжурэ шхыдэ къыпфӀэщӀырт: | |
— ЦӀыхухэ, сытыт сэ фэсщӀар, сытыт си зэрану фэкӀар?! Дэнэ фхьа си лъагъуныгъэр?! | |
Щхьэ игъуэ нэмысу сывгъэлӀа?! | |
Сэри сыхуейти фэ фхуэдэу мы дуней дахэшхуэм сыщыпсэуну, бзу цӀыкӀухэм я усэ макъым, къурш псынэхэм я Ӏущащэм, ди Бахъсэн уэрым и пыху макъым сыщӀэдэӀуну, си щиху цӀыкӀухэр зэрыдэкӀейр слъагъуну. | |
— Щыпсэум хъыджэбзым жиӀэу щыта а псалъэхэр иджы къэзыцӀыху псоми я тхьэкӀумэм ит хуэдэт. | |
ЛӀы Ӏэпщэхэм зэӀэпахыу яхь кхъаблэр щыуфафэкӀэ, и щӀыбкӀэ къеӀэж къыпфӀощӀ «имычэзууэ щхьэ сытефхыжрэ мы дуней дахэшхуэм?» жиӀэу губжьауэ. | |
Ауэ яхь. | |
А хабзэм пэувыф къару щыӀэкъым — яхь хъыджэбзыр, яхьам къыздамыгъэзэжым... | |
ЛӀыжьхэр сатыру еувэкӀауэ хьэдэм жэназы тращӀэ. | |
Нэхъ щӀалэгъуалэхэр абыхэм я щӀыбкӀэ гуп-гупурэ щызэхэтщ. | |
ЦӀыху зыбжани хьэзыр ящӀа мащэм щхьэщытщ. | |
А псом я гупэкӀэ къит щӀалэ закъуэм, хэӀущӀыӀущи зимыщӀу, тхылъымпӀэ Ӏув напэшхуэм зыгуэрхэр епӀэщӀэкӀыу щретхъэ. | |
ТхылъымпӀэ хужьым тӀэкӀу-тӀэкӀуурэ къытохутэ сатыру еувэкӀа лӀыжь нэщхъейхэри, я гупэ къилъ кхъаблэри, адэкӀэ зэхэт гупхэри, кхъэ щӀыбым нэхъ пыӀухауэ къыдэт Ӏуащхьэм къытет щӀалэ закъуэри, абы зи ӀумпӀэр иӀыгъ шы пцӀэгъуэплъ уэдыжьри... | |
— Укъыхукъуоплъыжри, иджыри уигу зэгъакъэ, хьэдэр зи унэ ихуэн! — жаӀэ ягукӀэ мащэм щхьэщытхэм, Ӏуащхьэм тетым дежкӀэ плъэурэ. | |
— Тефху мо хьэр мобдеж, къытхэвмыгъаплъэ!—жызыӀэпаи къахэкӀащ. | |
Сыту хъуми, и гугъу ямыщӀу къагъэнэжащи, тетщ щӀалэр Ӏуащхьэм, тепхъуэ хужьыр зытелыдыкӀыу удз щхъуантӀэм хэлъ хъыджэбз хьэдэм и нэр тедияуэ. | |
Дыгъуасэ ар дыхьат лӀам я пщӀантӀэ, ауэ къыдахужащ. | |
Иджы МэчрэӀил и закъуэу Ӏуащхьэм тетщ и гукъэкӀыж гупсысэхэм я гъэру, жьы хъуа и шы пцӀэгъуэплъыжьри епэзэзэхыу ӀумпӀэкӀэ иӀыгъыу... | |
...Куэд щӀащ абы лъандэрэ. | |
Бахъсэныпс Ӏэджи ежэхащ. | |
Ауэ итӀани, псори, моуэ иджыпсту хуэдэу, МэчрэӀил и нэгу къыщӀохьэж. | |
Гъатхэ махуэ щӀэращӀэт ар. | |
Зи унафэщӀ гъэш фермэр Къущхьэхъу зэрыдэкӀрэ нобэт МэчрэӀил къуажэм къыщигъэзэжар. | |
И шы пцӀэгъуэплъ дахэ игъафӀэм тхъурымбэ къищӀауэ ар я пщӀантӀэм къыдыхьэжри, уанэр трихынуи хунэмысауэ и шыпхъу нэхъыжьым ипхъу цӀыкӀур гъуэгыу къэсащ. | |
— Дунэхъужащ, ди Алик псым итхьэлауэ къыхахыжащ... | |
МэчрэӀил псынщӀэу шым зридзри щӀэпхъуащ. | |
Ар мажэ къуажэ гъуэгу сабэр и ужьым Ӏэрамэу къинэу, куэбжэхэм къыдэж хьэхэр къыжьэхэлъэу, уэрамым къытегъэщӀа жыг щхьэ баринэхэм мамыру уэрэд щыжызыӀэ бзу цӀыкӀухэр хигъэлъэту... | |
Бахъсэн Ӏуфэ Ӏут унэм и пщӀантӀэм цӀыхур дэзщи зэщӀогъуагэ. | |
Фызыжь гуэри мэшхыдэ «сабий хьэдэр хъыджэбзыжь цӀыкӀум зревмыгъэлъафэ» жеӀэри. | |
МэчрэӀил цӀыху Ӏувыр кӀуэцӀритхъури псым къыхахыжа сабийм бгъэдыхьащ. | |
Ар къипхъуэтэну щыхуежьэкӀэ «уэри зэран умыхъут», — жеӀэри хъыджэбз нэ фӀыцӀитӀыр ткӀийуэ къыжьэхоплъэ. | |
Хъыджэбзым сабийр зэрегъэдзэкӀ, и Ӏэхэр зэрегъакӀуэ, и бгъэр ешытӀэ. | |
Сабийм и псэ хэмыкӀам абы игури къыдоуэж, и Ӏупэхэр къопӀэжьэжьэж, хуэмурэ и нэр къызэтрех... | |
— Мыбы иджыри пӀалъэ къыхэмыкӀыу дохутыр егъэплъын хуейщ, — жиӀэу Алмэжан пщӀантӀэм къыдокӀыжри ауэ мыжыжьэу щыпсэу и шыпхъу нэхъыжь хьэщӀэу зыхуэкӀуэм я унэмкӀэ еунэтӀ, и щыгъын псыфыр зыкӀэрыпщӀа и Ӏэпкълъэпкъ лантӀэ дахэми, абы къеукъуэдиеха и щхьэц Ӏув кӀыхьми МэчрэӀил и нэр зэрытенари имыщӀэу... | |
А махуэм ежьащ цӀыху гъащӀэр зытекӀуэда лъагъуныгъэр. | |
МэчрэӀил итхьэкъуат нэ фӀыцӀэ лыдым. | |
Сабий ныкъуэлӀэм тегужьеикӀауэ ябгэу къыщыхущӀэплъами а нитӀым я бзийр щӀалэм и гум зэпхидзат. | |
МэчрэӀил и гур тепыӀэжыртэкъым, я унэ щӀэхуэжыртэкъым. | |
Къущхьэхъум зэрыкӀуэжын хуейр ищӀэж пэтми, и лъэр хущӀэкӀыртэкъым. | |
Зэпымыууэ зэгупсысыр Алмэжант. | |
«Укъыдэнэжащ» къыжраӀэ пэтми, зыгуэр къишэну яхутемыч щӀалэм зылъыхъуар къигъуэтам хуэдэт. | |
Илъэс пщыкӀуий ирикъуатэкъым иджыри Алмэжан. | |
Курыт школыр фӀы дыдэу къиуха къудейт, университетым щӀэтӀысхьэн и мурадт. | |
Зыхуеджэну къыхиха дохутыр ӀэщӀагъэм и насып хэлъу къилъытэжат, гъуэгу тету ирихьэлӀэу сабийр гузэвэгъуэм къызэрыхихыфам папщӀэ. | |
КъуажэкӀэм къикӀыу, къуажапщэм щыпсэу и шыпхъу нэхъыжьым деж жэщ зытӀущ щыӀэну Алмэжан а махуэм къызэрыкӀуам щыгъуазэт МэчрэӀил. | |
Щхьэусыгъуэр хьэзырыххэти, фӀыщӀэ хуищӀыну жиӀэри, зыхуигъэзащ. | |
Зэпсэлъащ... | |
Нэхэр зэплъащ... | |
Гухэр лъагъуэ щэхукӀэ зэрыщӀащ... | |
Лъагъуныгъэ яӀуэтакъым... | |
МэчрэӀил хъыджэбзым сэлам ирихыжу и шы дахэм щышэсыжам, Алмэжан абы кӀэлъыплъурэ и гум зэригъэзэхуахэри щӀалэм асыхьэтым ищӀакъым... | |
Аргуэру зэхуэзащ. | |
Алмэжан и шыпхъум я жыг хадэшхуэм итт а тӀур. | |
ГушыӀэрт. | |
Нэхэр зэплъырт, гухэр зэрыщӀэрт. | |
— ЕджакӀуэ умыкӀуэ, — жиӀэрт МэчрэӀил. | |
Алмэжан ар къыгурымыӀуэу «седжэнущ» жиӀэрти и щхьэр игъэкӀэрахъуэрт. | |
Школым къыщыдеджауэ езым и ныбжьу махуэ къэс и | |
нэӀурыт щӀалэжь цӀыкӀухэм я лъагъуныгъэ мышыум теухуа гушыӀэ гуэр зэхиха мыхъум, Алмэжан гухэлъ хуиӀуатэу зыми епсэлъатэкъым. | |
ИкӀи хъыджэбз пылъыным зигу къиуӀа МэчрэӀил дежкӀэ гугъутэкъым мо хъыджэбз щӀалэ гу пцӀанэм гунэс зыщищӀыфу епсэлъэныр. | |
Зэ Ӏуплъэгъуэ лъагъуныгъэ жыхуаӀэм хуэдэ хъуат МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ я гурыщӀэри, тӀури къилыпщӀу пщтырт. | |
Зэрыжылэуи къыдащӀэ хъуат ар. | |
Я бжьыхьэкӀапэ зэпыту псэу МэчрэӀил и шыпхъумрэ Алмэжан и шыпхъумрэ зэблагъэу забжыжауэ зэхуэгуапэт. | |
Алмэжани еджакӀуэ мыкӀуэу къэнат, илъэс пщыкӀуий ирикъумэ МэчрэӀил ишэну къытригъэхьэри. | |
Лъагъуныгъэшхуэ зыщӀа хъыджэбз щӀалэ дахэр, и гурыщӀэ къабзэм дыхэхъуэм хуэдэу, зэуэ и пӀэ иуват и теплъэкӀи и хьэлкӀи. | |
Лъакъуэ лъагэрэ пкъыфӀэ хъужауэ ар уэрамым къыщыдыхьэкӀэ, къуажэ щӀалэр къыкӀэлъыплъырт, ауэ зыми кърикуртэкъым — псоми ящӀэрт МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ быдагъэ яку зэрыдэлъыр. | |
А тӀур апхуэдизкӀэ зыхуагъэфащэрт, я лъагъуныгъэр апхуэдизкӀэ къабзэу, лъэщу ябжырти, уеблэмэ, зэрыжылэу абы дэбжьыфӀэ къафӀэщӀырт. | |
Езыхэри лэжьыгъэфӀкӀэ зи цӀэ къаӀэт къуажэ щӀалэгъуалэм ящыщт. | |
МэчрэӀил гъэш фермэ къыкӀэрыхуар илъэситӀ иримыкъум къиӀэтыжат. | |
Алмэжани, еджакӀуэ мыкӀуэу къыщынэм, къуажэ тыкуэнышхуэм гъэсэну щӀэувэри хъарзынэу хэгъуэзарэ и гъэсакӀуэми текӀуэжауэ еуэ иригъэшхыу лажьэрт, и бзэм и ӀэфӀагъымрэ и Ӏэм и псынщӀагъымрэ жьыри щӀэри дихьэхауэ. | |
Апхуэдэурэ илъэси, илъэситӀи дэкӀащ. | |
ЦӀыхухэм къызыпхадз хъуащ «Уа мы тӀум я лъагъуныгъэр мафӀэ бзийуэ къэлыду химысхьэж щӀыкӀэ щхьэ зэрымышэрэ...», — жаӀэу. | |
Пэж дыдэу МэчрэӀилрэ Алмэжанрэ я Ӏуэхур, къызэрежьам еплъытыжмэ, тӀэкӀу кӀыхьлӀыхьыӀуэ хъуа хуэдэт. | |
И пӀэм фӀыуэ иуджыхьа, тежыпӀыхь хъунум хуэдиз зытражыӀыхьа лъагъуныгъэр моуэ щӀэундэрэбжьа къыпфӀэщӀынут. | |
Ауэ Алмэжан ар зыкӀи зэхищӀэртэкъым. | |
КъыщыхуэкӀуа махуэм щегъэжьауэ нэхъри пщтыр хъуурэ зэщӀэплъэрт абы МэчрэӀил хуищӀа гурылъ къабзэр. | |
Пэжу, ар и закъуэ щыхъукӀэ, зэзэмызэ и щхьэм къищхьэрыуэрти егупсысырт: «СылӀэм и гъунэщ жиӀэри еджакӀуэ сигъэкӀуакъым, атӀэ иджы... | |
ЗыкъызимыгъащӀэ щхьэкӀэ, игу зыгуэркӀэ збгъэдэкӀыжауэ пӀэрэ?.. | |
Сыт гурымыхьу къыздилъэгъуа? | |
Ба къысхуищӀыну къыщызикуам, «унапэншэщ» жесӀэу сыкъызэрыщӀэпхъуэжар хуемыгъэхыу иджыри къэс игу илъу пӀэрэ? | |
АтӀэ зыхуезгъэщӀам нэхъыфӀт? | |
Папэ и шыпхъум ипхъу Людэ зы махуэ къалэм къикӀыу щыдихьэщӀам имыбзыщӀыххэу жиӀати я ебгъуанэ классым ба зыхуамыщӀа хъыджэбз цӀыкӀу щӀэмысыжу. |
This dataset consists of paired audio and text data sourced from the following book:
Audio-text pairs for this dataset were extracted and aligned using META AI's forced alignment algorithm.